2014-04-26

Created page with "Сыхьэт зонэхэр '''Сыхьэт зонэ''' псалъэм гурыIуэгъуитI иIэщ. * '''Х..."

НапэкӀуэцӀыщӀэ

[[File:Standard time zones of the world.png|thumb|500px|Сыхьэт зонэхэр]]

'''Сыхьэт зонэ''' псалъэм гурыIуэгъуитI иIэщ.

* '''Хэкумэтх сыхьэт зонэ''' — дунейм и щIылъэм меридиан тралъхьахэмкIэ къыхэкIыу зэтраухуа зонэхэ.

* '''Админстративнэ сыхьэт зонэ''' — щIым и Iыхьэ къыхэгъэщхьэхукIа, къэрал здыхэтым и унафэхэм елъытауэ зэтраухуа зонэхэ.

И нэхъыбапIэм административнэ сыхьэт зонэращ нэхъ хэгъэхукIауэ ябжыр. Иджы зэманыр зэтраухуэ Дунейпсэ координированэ зэманым (UTC) къагъэсэбэпу. Иныкъуэ къэралхэм гъэмахуэм я сыхьэтхэр зы сыхьэткIэ япэ ирагъэшри, щIымахуэм ирагъэкIуэтыж мыхьэнэншэу току ямыгъэкIуэдынхэ щхьа.<ref>[http://worldtimezone.com/wtz020.php World Time Zone Map by Sections and current time- WTZ Section 20 — 12 hour format.]</ref>

== Зэрызэхадз щIыкIэхэр ==

Дуней псор меридианхэм къазэрыхэкIыу 24 сыхьэт зонэкIэ угуэшахэщ. Зы сыхьэт зонэм уикIыу адрейм укIуэм, дакъикъэм и мыхьэнэр къонэ, сыхьэтыращ е зы сыхьэткIэ хэхъуэр ерэ хэщIыр. Ауэ къэрал гуэрхэри щыIащ дакъикъэ 30-кIэ е 45-кIэ къащхьэщыкIхэу.

Ишхъэрэрэ Ипшэрэ полюсхэм меридианхэр зы пIэм деж щызэхохьэжхэри, а щIыпIэхэм сыхьэт зонэхэм я мыхьэнэр щокIуэд. ЗэралъытэмкIэ а щIыпIэм дунейпсо зэман къыщагъэсэбэпын хуейуэ ябж, ауэ Ипшэ полюсым ит станциэ амундсен-Скоттым ЩIэ Зелэндым и сыхьэт зонэращ къигъэсэбэпр.

== Сыхьэт зонэхэр зэмылIэужыгъуэ къэралхэм ==

'''Зи щIыпIэхэр зы сыхьэт зонэм нэхърэ нэхъыбэм ит, къэралхэр:'''

{|class="wikitable sortable" style="text-align:right" width="100%"

|-

! Къэрал || Сыхьэт зонэхэр зэрыхъухэ || UTC-ым и нэхъ гъунэгъур || UTC-ым нэхъ пэжыжэр || Гъэмахуэ зэманыр къэзыгъэсэбэп

|-

| Аустралиэ || 7, гъэмахуэм 8 || UTC+6:30 || UTC+11:30 || И нэхъыбапIэ щIыпIэм къагъэсэбэпыжкъым

|-

| АШЗ || 6 || UTC-5 || UTC-10 || И нэхъыбапIэ щIыпIэм къагъэсэбэп

|-

| Британиэшхуэ || 8 || UTC+6 || UTC−8 || Къагъэсэбэп

|-

| Бразилэ || 3 || UTC−4 || UTC−2 || И нэхъыбапIэ щIыпIэм къагъэсэбэпыжкъым

|-

| Гренландиэ || 4, гъэмахуэм 3 || UTC+0 || UTC-4 || И нэхъыбапIэ щIыпIэм къагъэсэбэпыжкъым

|-

| Даниэ || 5 || UTC+1 || UTC-4 || Къагъэсэбэп

|-

| Демократикэу Республикэ Конгэ || 2 || UTC+1 || UTC+2 || Зэри къагъэсэбэпакъым

|-

| Индонезиэ || 3 || UTC+7 || UTC+9 || Зэри къагъэсэбэпакъым

|-

| Испаниэ || 2 || UTC+1 || UTC || Къагъсэбэп

|-

| Къазахъстэн || 2 || UTC+5 || UTC+6 || Къагъэсэбэпыжкъым

|-

| Канадэ || 6 || UTC−3:30 || UTC−8 || И нэхъыбапIэ щIыпIэм къагъэсэбэп

|-

| Кирибати || 3 || UTC+12 || UTC+14 || Зэри къагъэсэбэпакъым

|-

| Мексикэ || 3 || UTC−6 || UTC−8 || Къагъэсэбэп

|-

| Микронезиэ || 2 || UTC+10 || UTC+11 || Зэри къагъэсэбэпакъым

|-

| Монголэ || 2 || UTC+7 || UTC+8 || Къагъэсэбэпыжкъым

|-

| Нидерлэндхэр || 2 || UTC+1 || UTC-4 || Къагъэсэбэп

|-

| ЩIэ Зелэнд || 2 || UTC+12 || UTC+12:45 || Къагъэсэбэп

|-

| Урысей || 9 || UTC+3 || UTC+12 || Къагъэсэбэпыжкъым<ref>[http://www.rg.ru/2011/06/06/vremya-dok.html Федеральный закон Российской Федерации от 3 июня 2011 г. № 107-ФЗ «Об исчислении времени».]</ref>

|-

| Португалэ || [[Время в Португалии|2]] || [[UTC]] || [[UTC-1]] ||

|-

| Фрэндж || 12 || UTC+12 || UTC-10 || Къагъэсэбэп

|-

| Чили || 2 || UTC-4 || UTC-6 || Къагъэсэбэп

|-

| Экуадор || 2 || UTC-5 || UTC-6 || Къагъэсэбэп

|}

== ТехьэпIэхэр ==

* [http://www.itu.int/dms_pub/itu-t/opb/sp/T-SP-LT.1-2014-PDF-E.pdf LEGAL TIME 2014 {{ref-en}}]

* [http://www.worldtime.com/ Сыхьэт зонэхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу]

* [http://www.worldtimezone.com/time-russia24.php Урысейм и сыхьэт зонэхэр]

* [http://www.timezonesworldwide.com/time-zone-converter/ Сыхьэт зонэхэм я конвертиор]

== Гулъытэгъуэхэр ==

{{reflist}}

[[Категориэ:Хэкумэтх]]

Show more